Уи бзэр уи псэм хуэдэу лъагъу!

КIуэкIуэ Мухьэмэд
Къущхьэтлъокъуэ Анжелэ


БЗЭЛЪЭМЫЖ

А а

Ажэм абгъуэр икъутащ,
Ар адакъэм Iуигъэщтащ,
Абгъуэр нанэ ищIыжащ,
Абгъуэрыни ирилъхьащ.

Б б

Банэр къокIыр хэдмысами,
Бадзэр къокIуэр къедмыджами,
Банэр дэ къытхоуэ,
Бадзэр къыдодзакъэ.


В в

Вы щIэпщIауэ вакIуэ укIуэм
Вагъэм куэд хыумыгъэхъуэн,
Выр хуэмыбзэу фIэкI пхуэмыкIуэм
Ва щIы Iыхьэр пхухэхъуэн?


Г г

Гын гынылъэм иракIутэ,
ГынкIэ шэхэр яузэд,
Гыным тыншу мафIэр щIонэ,
Гыныр есыр, шэр йолъэт.


Гу гу

Гуащэр гущэ хуэмыныкъуэ,
Гуащэр гъыкIи нэпс къэмыкIуэ,
Гуащэ сIыгъым сигу мыныкъуэ,
Гуащэ мыхъум сыт схуэныкъуэ.

Гъ гъ

Гъринэ цIыкIухэр щохъу жагъуэгъу
Гъринэ иIэкъым ныбжьэгъу,
Гъринэ псынщIэу зегъэгусэ,
Гъринэ мыгъыу яхуемысэ.

Гъу гъу

Гъудэм хужызоIэ: «Гъуамэ!»,
Гъудэм ямытхьэщI я дамэ,
Гъудэм гъуджи зэрамыхьэ,
Гъуейм хыхьамэ зэрызохьэ.


Д д

Дудакъ шыру наджэ-Iуджэ,
Дудакъ анэр богъэтхьэджэ,
ДэкIым зы илъэс зэману,
Ди нэгу ущIэтынщ къаз анэу.


Дж дж

Джэд анэжьыр магъуалъхьэ,
Джэджьей цIыкIухэр къреш,
Джэд къуртыжьыр йожажьэ,
Джэджьейм йоджэ емыш.


Дз дз

Дзыгъуэ цIыкIухэр зоIущащэ,
Дзыгъуэ анэм йочэнджэщ,
Дзыгъуэ быныр здожьэ «щакIуэ»,
Дзажэ фIэлъми полъэщ.


Е е

Екуэкуншэщ дзыгъуэ цIыкIур,
Емыш, къэп кIапэр еугъуэн,
ЕкIу- емыкIуми дэ додыжыр,
Езым къехьыр щIэуэ хъуэн

Ё ё

Ёлкэм къыхащIыкI тхыльымпIэ,
Ёлкэр унэльащIи мэхъу,
Ёлкэу, зэтетхамэ напIэр,
Ёлкэм дыхуэуси мэхъу.

Ж ж

ЖыIэмыщIэм щIалэ цIыкIур
Жэрдэм щIакIуэу къэмыхъун,
Жумартагъи хыумылъагъуэм
Жылэм пщIэ къыхуамыщIын.

Жь жь

Жьындур жьыуэ мыгъуэлъыж,
Жъындур жьыуи къэмытэдж,
Жьындур махуэкIэ мэжей,
Жьындур жэщкIэ мэхъу шхэрей.


З з

Зэрызехьэу зэдэджэгухэу дзыгъуэ
быныр гуэщым щIэст,
Зэдэджэгухэм ядэщI пфIэщIу,
джэдуужьыр хэплъэу щыст,
Зеукъуэдири джэдум зедз,
Зэкъуэхуауи зы къахедз.


И и

И инагъым иригушхуэу
ИкъукIэ лъагэу щихур мэкI,
И лъагагъым и сэбэпкIи
Илъагъун нэхъыбэ лъокI.

Й й

Йоплъ дохутырри уIэгъэм
Йодыр псынщIэу къещтэ,
Йоджэри и къуэдзэм
Йодыр щрегъахуэ.

К к

Квадратым и гур къоплъ,
Квадратыр краным йоплъ,
Краным Щимэ гъусэ ещI,
Квадратхэм кIэбгъу захуещI.


Ку ку

Куейр зэкъуэту зэдекIуэкIым
Куэд гугъуехь ямылъэгъун,
Куейм зэфыгъуэ куэд къахэкIым
Куэди куейм емыхъуэхъун.


КI кI

КIэрыбдзын кIэрылъкъым бажэм,
КIэпхъри мынэхъIей,
КIэрэф фэтщми кIэпхъым,
КIэкIэ ар мыIей.


КIу кIу

КIуркIур жеIэ жьындуужьым
КIуркIуркIи сэ соджэ,
КIуркIур къэмыуш пщэдджыжьым,
КIурняу жэщкIэ къоджэ.


Къ къ

Къазым цIыкIур урихужьэм
Къазыкъ бгъуэтми абы еуэ,
Къазыхъужьым зэхимыщIэм
Къанлы ухъуу уемызауэ.

Къу къу

Къурт седзэгъуу сошхыр,
Къуэми сыдохьэф,
Къуртым щIэс джэджьейхэр
Къуршым дызохуф!

Кхъ кхъ

Кхъэр джэгупIэ ящI мыхабзэ,
Кхъащхьэм Iэщхэр щымыбу,
Кхъэр щIэх-щIэхыу ягъэкъабзэ,
Кхъащхьэдэсэр ягъэцIу!


Кхъу кхъу

Кхъуэ лэухэм мэзым къыщакIухь,
КхъуэпIащэм хъупIэр зэхевыхь,
Кхъуэныжьыр шхынкIэ гугъу емыхь,
Кхъуэ псоми кхъуэшэр яхуэмыхь!



Л л

Лэныстэм и пэр егъэджэгур,
Лэныстэм и дзэр зэрегъэшх,
Лэныстэр щэкIми «доджэгур»,
Лэныстэм щэкIыр фIэфIу «ешх».


Лъ лъ

«Лъабжьэншэу къэкIым зэкIэ соплъыр»-
ЛъэгущIэуэм жеIэ, лъэхъцыр щIех!
Лъэтэну пщыхъуу удз итахэр
Лъэрытетыжкъым, ди гур пех!

ЛI лI

ЛIыщхьэ хъуахэм, сэ слъэкIатэм,
ЛIыкIуэ яхуэсщIынт,
ЛIэужь Iуэхум дихьэхатэм,
ЛIыщхьэр гум къинэнт!

М м

Мазэм куэдрэ сыхуошхыдэ,
Мазэр дыгъэм хуэзмыгъадэ,
Мазэм пщIантIэр нэху хуэмыщI,
Мазэм щIыIэм нэхъ зыдещI.

Н н

Нэдым илъыр имылъагъуу
Нэм гуфIэгъуэ щIумылъагъуэ,
Нэдым илъыр зэрилъагъуу
Нэр мэлыдыр, е мэхъу пшагъуэ.


О о

Отрядым ди нэхъыжьыр
Орден зэкIэ хуэмыныкъуэ,
Отрядым длэжь лэжьыгъэр
Орден зехьэм тщохъу хуэныкъуэ.

П п

Пыджэн фIэфIт жэмыжьми
Пыджэрей фIэтщащ,
Пыджэ хъунут нэщхъкIи
Папщэу зихъунщIащ.


ПI пI

ПIащIэ-тхъытхъыу ар мэкIуэж,
ПIатIэ тхушхуэри ехьыж,
ПIальэ кIэщIкIэ зихъуэжащ,
ПIэ хуэфащи ит хъужащ


Р р

Ракетэ щыIэщ цIыкIуу лъатэу
Ракетэ щыIэщ жыжьэ лъатэу,
Ракетэ щыIэщ ирилъатэу,
Ракетэ тхуэфщI насып щхьэ лъатэу!


С с

Санейр гъурц лъэпкъыгъуэщ,
Санейм пытыр санэщ,
Санейр щхъырыб лъэпкъыгъуэщ,
Санэ фIыцIэр хущхъуэщ.

Т т

ТхэкIэ цIыкIухэм зыдогъащIэ,
ТхэкIэдахэ диIэ мэхъу,
ТхьэкIумафIэу зыдогъасэ,
Тыншу гъащIэр дгъащIэу сщохъу.

ТI тI

ТIыр мызауэм тIэкIу мэзэш,
ТIым тIурытIу заугуэш,
ТIыхэм я гур къызэхуоплъ,
ТIыбжьэр быдэм тIыхэр йоплъ.


У у

Уэршэрэгъу уэ пхуэхъум тхылъыр
Убзэрабзэу ар пщыхъунщ,
УпщIэ псоми и жэуапыр,
Уэ уэрсэру къуитыфынщ.


Ф ф

Фо къыIэщIыхьащи мыщэр щогуфIыкI,
Фалъэ ар имылъми Мыщэ игу пымыкI,
«Фаджэ тщIынщ»-хужаIэу мыщэм бжьэхэр йопщI,
Фагъуи яхуэмыщIу фор иIыгъыу Iуопщ.


ФI фI

ФIыцIэр фIыцIэм щыбгъэдэтым
ФIэнэу ди нэм ар мыфIыцIэ,
ФIыцIэр хужьым бгъэдэхутэм,
ФIыцIэр нэхъри мэхъу нэхъ фIыцIэ.


Х х

ХэкIуэтами тIэкIу и ныбжьыр,
Хабзэ мыщIэщ дыгъужьыжьыр,
ХэкIым пабжьэм щхъуэжь зыфIэтщыр,
Хэт зымыщIэр пщIэуэ хуащIыр!

Ху ху

Хуэдэ тщIэркъым ХъумпIэцIэдж,
Хуабжьу жьыуэ ар къотэдж,
ХуимыIэт Щхьэхынэ напIэ,
ХузэфIокI куэдыщэ ХъумпIэ!


Хь хь

Хьэрэхьупым и пэр кIыхьщ,
Хьэрэхьупым гуагуи тетщ,
Хьэрэхьупыр дэ къыдоджэ,
Хьэсэр двэнуи дреджэ.


Хъ хъ

Хъыбар щыфIуэтэжкIэ инхэм
Хъыбарыншэ дэ дывмыщI,
Хъыбар куэд къытхуэфIуэтэжым,
Хъэрзынэн ди гъащIэр сфIощI.


Хъу хъу

ХъунгъалIэ бжэнхэм куэду яшхыр,
ХъунгъалIэ бгъэхэм гъуэм ирахьэ,
ХъунгъалIэм егъэкIуэдыр маркуэр,
ХъунгъалIэм хъуныр бгъэдэмыхьэ.

Ц ц

Цыр, яджа закъуэмэ, цыпхыжьыр
Цы зэIыхыным хуэIэзэщ.
ЦыкIуэкIыу щхьэхъурей цIыкIур
Цыр цы Iуданэу хэзышырщ.


ЦI цI

ЦIикъыр бзу дахащэщ,
ЦIикъыр макъ жьгъырущ,
ЦIикъ и макъыр ехъуэжыф,
ЦIикъ бзу псоми поджэжыф.

Ш ш

Шы пщIэгъуалэр ар хужьыфэрщ,
Шы пцIэгъуэпльыр ар плъыжьыфэрщ,
Шыр фIыцIафэм ар шыкъарэщ,
Шыр чы закъуэм ари чышщ.


Iу Iу

Iущ ухуеймэ уэ ухъунщ,
IупщIу плъэкIхэр ялъэгъунущ,
Iуэху лэжьыкIэм зыщебгъасэм
IурыщIэну тхылъхэр бгъасэм!


ЦI цI

ЦIикъыр бзу дэхащэщ,
ЦIикъыр макъ жьгъырущ,
ЦIикъ и макъыр ехъуэжыф,
ЦIикъ бзу псоми поджэжыф.

Ч ч

Чачэу бжэныжьыр чыцI цIыкIухэм кIэлъыжэу,
Чэрими чнуткIэ чыцI цIыкIухэм яхэуэу,
ЧыцI цIыкIухэр чэмыншэу Чэрим къихужащ,
ЧыцI цIыкIухэр дихуэжри чыхум хыхьэжащ!



Ш ш

Шы пщIэгъуалэр ар хужьыфэрщ,
Шы пцIэгъуэплъ ар плъыжьыфэрщ,
Шыр фIыцIафэм ар шы къарэщ,
«Шыр» чы закъуэм ари чышщ.

Щ щ

Щынэм хуэзэм щхъуэжь мэгуфIэ,
Щынэм щхъуэжьым зыхуегъафIэ,
Щхъуэжь и ныбэм щынэр щощIэ,
Щхьэдыкъщ жиIэури хегъащIэ.

ЩI щI

ЩIэкIэцIауэ джэд фыцIэжьыр
ЩIэрыкIуапкъэм къыхокIыжыр,
ЩIэуджыхьу и жьэпкъыпэр,
ЩIэжьыуэжу уэрэд жеIэр.

Ы ы

Ыш! Сэ джэдхэр изохужьэ,
Ырэ! Хьэри сэ Iузоху,
Ыхьы! Сыхъуащ сэ лIы хъыжьэ,
Ыхь! Сезэшащи си псэр поху!


Ю ю

Юристым къуаншэр зэхегъэкI,
Юристым хуитыныгъи лъокI,
Юристым хабзэр къыддеIыгъ,
Юристым унафэр дегъэIыыгь!


Я я

Ямылейуэ къэгубжьащи
Яслъэм Динэ яхуэмыкIуэ,
Япэм IэфIкIэ дахьэхами,
Ябгэ хъуаи, зы темыкIуэ.

I I

Iэмэпсымэр зыIэщIэлъыр
IэщIагъэлIмэ ар хъарзынэщ,
Iэшмэкъугум IэщIэхутэр
Iэдэрами ар къутэнущ!

Iу Iу

Iущ, ухуеймэ, уэ ухъунущ,
IупщIу плъэкIхэр ялъэгъунущ,
Iуэху лэжьыкIэм зыщебгъасэм,
IурыщIэну тхылъхэр бгъасэм.


Hosted by uCoz