ЕтIуанэ классым щекIуэкI урок щIыб лэжьыгъэ.

Зыгъэхьэзырар Ислъэмей етIуанэ курыт еджапIэм

и егъэджакIуэ

Къущхьэтлъокъуэ Анжелэщ.

 

 

Мурадыр: Сабийхэр хабзэм, адыгэ тхыдэм щыщ Iыхьэхэм щыгъуазэ щIын.

 

 

НэхъыжьыIуэ классхэм щыщу зы хъыджэбз цIыкIу адыгэ фащэ щыгъыу,сценэм итщ. Абы и щIыбагъым мазэ ныкъуэ хуэдэу щытщ сабийхэр. ИбгъумкIэ пхъэ зэтелъщ, шыуан цIыкIуи фIэдзащ. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ Iэнэ лъакъуищ щытщ, шэнт цIыкIуищ бгъэдэту.

ЦIыкIухэм уэрэд жаIэ:

 

Нобэ зэIущIэ диIэщи, уей,

Хабзэмрэ бзыпхъэмрэ ар теухуащ.

КърихьэлIахэм псоми сэлам

Къывехыр гуапэу етIанэ «А» - м.

 

Ой-ра о- ри ра рай

Хабзэр зымыщIэр ар унэхъуащ,

Ой-ра о-ри –ра рай

Хабзэм утетым насып уиIэнщ.

 

Япэ ит хъыджэбз цIыкIум жеIэ: «Ди хьэщIэ лъапIэхэ, ди нэхъыжьыфIхэ, нобэ фыкъыдогъэблагъэ ди зэIущIэм. Мы зэIущIэр зытеухуар «мафIащхьэ джэдыр» арщ. АтIэ, а махуэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн вжетIэнущи фыкъедаIуэт.»

ЦIыкIу къэс псалъэуха зэрыз жаIэурэ зыр зым зэIэпах.

 

« МафIащхьэ джэдыр» илъэсищэ бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэхэм я гъэмахуэшхуэу щытащ. Абы и лъабжьэр къыщожьэ адыгэхэр мыжусий диным щита лъэхъэнэм. А махуэр тохуэ гъатхэпэ мазэм и21-22 жэщым. Абы ирихьэлIэу жэщри махуэри сыхьэт бжыгъэкIэ зэхуэдиз мэхъу. Адыгэхэм къалъытэрт цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI хъуну. Гъэр текIуэу щытми псори фIыкIэ тхьэм елъэIурт, я гугъэт, тхьэм уелъэIумэ, уи мылъку ухэIэбэрэ цIыху мэжалIэ бгъашхэмэ, уи унагъуэ ерыскъы IэфI щупщэфIрэ куэдым яIубгъахуэмэ, уи тхьэлъэIур къабыл хъууэ, ущIелъэIуари къыпхуищIэу.

 

ЩIалэ цIыкIуищ, адыгэ фащэ ящыгъыу, Iэнэм бгъэдэсщ. Зым пхъэ фалъэ иIыгъщ. Ар мэхъуахъуэ:

 

АтIэ дохъуахъуэ:

 

ГъатхэфI, гъэлъхуэфI къыдэт,

Джэдхэр къакъэу,

Къыухэр гъуалъхьэу,

Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIкIэ

ВакIуэ щIалэхэр зэрыдэшу,

ЩIыр щагуэшкIэ зэхуилъу,

Гъунэ иралъэмэ зэкIужу,

КъыдэкIуалIэрэ къыдэупщIу,

ЩIыуэ дызыхуэзэнур-

Уэшхым и лъагъуэу,

Бэвым и гъуэгуу,

Абы мэшу къытекIэнур –

Бзий фIыцIэрэ пкъы пIащэу

 

ЕтIанэ щIалэ цIыкIум фалъэр къыIехри хъуэхъум пещэ:

 

Зы ху напIэм тIу ису,

Лъэсыр худэIэбейуэ,

Ажэ жьакIэм хуэдэу уфафэу,

Ар щытIуэжкIэ –

Пхырыр и матэу, Iэтэ и нэду,

Гъасэгу и гулъэу,

Гужьхэр игъэщIыщIэу,

ГущIэр игъэпсалъэу

Хьэм гъунэр гуигъэзу,

Хьэм нэзыр гуиуду –

 

Ещанэ щIалэ цIыкIум пещэ:

 

Зэ кIыщтэгъуэр ху гуибгъуу,

КIыщтэгъуитIыр гу тIощIу,

Унагъуэ и ху гуэн

ПщIырыпщI зэбгъурыту,

Абыхэм къещэщэха-нещэщэхахэм

ХьэгъуэлIыгъуэ хэпщIыкIыу,

Псапэрэ гуапэрэ зыхэтщIыкIыр

Ди пщIэнтIэпс хьэлэлу,

ДызэгурыIуэрэ дызэдэIуэжу

ДыгуфIэрэ дытхъэжу

Гъэ минкIэ Тхьэм дигъэпсэу!

 

 

ЗэIущIэр езыгъэкIуэкI хъыджэбз цIыкIур сценэм къохьэж.

 

- Ди хьэщIэхэ, мы ди щIалэхэм ныфхурагъэхьа шхыныгъуэм, Iумпэм фымыщIу, федзакъэ, ди тхьэлъэIур къабыл хъун, дыщIелъэIуари къытхуищIэн щхьэкIэ.

 

 

ЩIалэ цIыкIуитI, фалъэ зэрыз яIыгъыу, сценэм  йокI, хьэщIэхэм фалъэм илъым щыщ зэрыIуагъэхуэн яужь иту.

 

А сыхьэтым къафэ макъамэ дахэ къоIу. Сценэм ажэгъафэ къолъадэ.ТIэкIу къофэ. Макъамэр мэкIуэдыж, ажэгъафэми жеIэ:

 

-Уа, цIыкIухэ, ажэгъафэ зы зэIущIи, зы джэгуи хэмыту флъэгъуа фэ? Ижь- ижьыж лъандэрэ джэгур зыгъэдахэу адыгэхэм сакъыдогъуэгурыкIуэр сэ. АтIэ, фи зэIущIэр адэкIэ евгъэкIуэкIыну фыхуеймэ япэ щIыкIэ сэ си къэлътмакъым фиIэби сызыхуейр къысхуэфщIэт.

Ажэгъафэм и къэлътмакъым зы цIыкIу йоIэбэ. Абы кърех топ хъурей цIыкIу, тхылъымпIэ тегъэпщIауэ. Ажэгъафэм, хъурейр дриIэтеяуэ жеIэ: «Фыкъеплъыт мыбы къылъысам, уэрэд жиIэн хуейуэ къылысащ. ИIэт – тIэ, щIалэ, къыджеIэт зы уэрэд «мафIащхьэ джэдым» теухуауэ.

 

-Ахьей жытIэн «МафIащхьэ джэдыр» щаукIыр адыгэхэм илъэсыщIэр къихьэу къыщалъытэр арщи, ди уэрэдыр ИлъэсыщIэм теухуащ.

 

Мисыр нобэ

Ди махуэшхуэ лъапIэщ псоми

ИлъэсыщIэр къыдогъэхьэр дэ

ЦIыкIуи ини

Зэхуэсащи, нэфIэгуфIэу       

ЗэIущIэшхуэ дэ идогъэкIуэкI

 

Ди щIэблэщIэр щIэныгъэфIым дихьэхыну

Ди балигъхэр бэрычэтыр къайхъулIэну

ЦIыкIухэр псори нэжэгужэу гъатхэм пожьэ

ИлъэсыщIэр къыдогъэхьэр дэ.

 

Псори нобэ

Йрехъу щIалэхэр нэщхъыфIэ,

Балигъ хъуами

Дыфхохъуахъуэр дэ!

ИлъэсыщIэр

Къидгъэхьэну дыхуопIащIэ

Илъэсыжьым  Iэбэ цIыкIу худощI.

 

Ажэгъафэм: «Уэрэд дахэу жывоIэ, ауэ си къэлътмакъым илъ хъурейхэр псори къитхакъым. ИIэт, иджыри зэ фиIэбэт

Зы цIыкIу хъуржыным йоIэбэр. Абы къриха хъурейр ажэгъафэм еIэтри жеIэ: «А, фыкъафэ жи. Фэ фхуэдэ цIыкIухэр къэфэфрэ тIэ? ИIэт, фыкъафэт, фыджэгут, псори фи лъэгу дыщIэвгъаплъэт.

 

                             Къафэ къоуэ.

 

-Афэрым цIыкIухэ, фэ фыкъафэху хьэщIэ къыфхуэкIуащ. КъэфцIыхут ар?

                                                                                                       (Хур къытхуэзыхьыжар.)

-Нарт Сосрыкъуэщ.

-КъэфцIыхуащ. АтIэ, нарт Сосрыкъуэ фигъэджэгунути и Iэмэпсымэхэр къихьыху фыкъыдэжьэ.

 

Сосрыкъуи Ажэгъафэри сценэм йокIыж. Хъыджэбз цIыкIум пещэ : «Ди хьэщIэхэ, ахэр къэкIуэжыху «мафIащхьэ джэдым» теухуауэ адэкIэ фыкъедаIуэ».

 

IыкIухэм аргуэру псалъэуха зэрызу пащэ)

 

А махуэм цIыхухэм (адыгэхэм) псалъэ Iей зэжраIэртэкъым, псапэ куэд зэращIэн яужь итт. Сыт хуэдэ ерыскъы бгъэхьэзырми Iэмал имыIэу «мафIащхьэ джэд» укIын хуейт. А хабзэр ноби адыгэхэм къытхуэнащ, дэтхэнэ унагъуэри фIыкIэ тхьэм дыщелъэIу махуэщ. Апхуэдэ хабзэ дахэ кIуэдыжыпIэ зиIэ мыхъунухэм ящыщщ. Муслъымэн диным къызэригъэлъагъуэмкIэ мартым и кIэхэм илъэсыщIэр къихьэу аращ.

 

Сосрыкъуэ сценэм къохьэж кIапсэ иIыгъыу. –ЦIыкIухэ, иIэт фи къарур вгъэлъагъуэт. КIапсэр хэт и лъэныкъуэкIэ ишэфми,ахэр текIуащ.

 

-Мы цIыкIухэр текIуащ. Ауэ псоми къару ахъырзэман къагъэлъэгъуащ.Псоми щытхъу фхуэфащэщ. Саугъэти къэвлэжьащ. МафIащхьэ джэдыр нэхъыбэу зэпхар гъэщIэм зэрыщIидзэрщ, гъатхэр къызэрысарщ. Гъатхэм и япэ нэщэнэхэм щыщщ удз гъэгъахэр. Абы къыхэкIыуи, тыгъэу фхудогъэфащэ мы удз гъэгъахэр.

 

Ажэгъафэм:

- АтIэ, цIыкIухэ, ди хьэщIэхэ, нобэ къывгурыIуауэ къыщIэкIынщ адыгэ хабзэ дэтхэнэри зэрыдахэр, ахэр зэрыхъумэн хуейр. Мы ди цIыкIухэми иджыри зэ къывагъэщIэжынщ махуэ дэтхэнэри дэркIэ зэрылъапIэр.

 

Ди егъэджакIуэм дэ деущий

Нэхъыжь къыщIыхьэр вгъэлъапIэ, уей

Нэхъыжьыр щыту фэ фымытIыс

Е цIыхур псалъэу зэпывмыуд

 

О-й-ра    о-ри-ра   рай-

Адыгэ хабзэм дэ дрикIуэнщ

О-й-ра    о-ри-ра   рай

Хабзэр фымыщIэм дэ фэдгъэщIэнщ

 

Нэхъыжь и гъуэгур зэпывмыупщI

Адыгэ напэм ар зикI къемыкIу

Нэхъыжь бгъэлъапIэм- къыджаIэр дэ

Ди щхьэр нэхъ лъапIэ хъунущи, уей!

 

-Нобэ ди зэIущIэр къэдухащ. Ауэ ди кIэух уджым псори фыкъыдогъэблагъэ.

 

Hosted by uCoz